САБИЙ ЛИТЕРАТУРЭМ И КЪЕЖЬАПIЭХЭР. АДЫГЭ IУЭРЫIУАТЭ

Адыгэ сабий литературэм и тхыдэр; нарт хъыбархэр, тхыдэм къыщыхъуа Iуэхугъуэхэр, лъэпкъым и лIыхъужь щэджащэхэр къызыхэщыж тхыгъэхэр

«Лъэпщ Iэдэ зэрищIар»

Мурадыр:
• Лъэпщ Iэдэрэ уадэрэ щхьэ ищIа? Дауэ ахэр абы зэрищIар? УпщIэхэм я жэуапхэм щыгъэгъуэзэн.
Къалэнхэр:
• пшыналъэм къеджэн;
• абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къэхутэн.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• нарт лIыхъужь Лъэпщ теухуа пшыналъэм.
Дэ къэтщIэнущ:
• нартхэм зэи ямыIа Iэдэмрэ уадэмрэ Лъэпщ зэрищIа щIыкIэр;
•абы дэIэпыкъуэгъуу иIар.
Дэ зедгъэсэнущ:
• пшыналъэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къэтхутэфу.

Тест лэжьыгъэхэр

«Нартхэ я гъубжэр»

Мурадыр:
•Лъэпщ теухуа хъыбархэм еджэным пыщэн.
Къалэнхэр:
• хъыбарым къеджэн;
• абы къыхэщыж лIыхъужьхэр зэгъэцIыхун.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• Лъэпщ гъубжэ зэрищIам.
Дэ къэтщIэнущ:
• гъубжэр щищIым Лъэпщ къыдэIэпыкъуахэр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• лIыхъужьхэм щыщу дэтхэнэми хъыбарым щигъэзащIэ мыхьэнэр къэтхутэфу.

Тест лэжьыгъэхэр

«Батэрэз иныжьыр иукIыу Уэзырмэс къызэрихьыжар»

Мурадыр:
• нарт лIыхъужьхэм ящыщ Батэрэз зэдгъэцIыхуныр.
Къалэнхэр:
• хъыбарым къеджэн;
• Уэзырмэсрэ Батэрэзрэ хъыбарым щагъэзащIэ мыхьэнэр къэхутэн.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
•Батэрэзрэ Уэзырмэсрэ ятеухуа нарт хъыбар гъэщIэгъуэным;
Дэ къэтщIэнущ:
• Батэрзэ и лIыгъэр здынэсыр;
• нартхэм я зэхэтыкIэ-псэукIэу щытар.
Дэ зедгъэсэнущ:
• нарт хъыбарыр зэрызэхэлъ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр зэхэдгъэкIыфу.

? Нарт лIыхъужьым и теплъэм тепсэлъыхьын.

Тест лэжьыгъэхэр

«Андемыркъан щIалэ цIыкIуу зекIуэ зэрыкIуар»

Мурадыр:
• Сыт хуэдэ лъэужь Андемыркъан лъэпкъ тхыдэм къыхинар? УпщIэм и жэуапым щыгъэгъуэзэн.
Къалэнхэр:
• хъыбарым къеджэн;
• Андемыркъан и зэманым адыгэхэм я псэукIам щыгъуазэ хуэщIын;
• тхыдэ хъыбархэр нэхъ куууэ джын.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• Андемыркъан лъэпкъ тхыдэм щиубыд увыпIэм;
Дэ къэтщIэнущ:
• тхыдэ хъыбархэм бзэ щхьэхуэ зэраIэр;
• Андемыркъан лъэпкъым фIы куэд зэрыхуилэжьар.
Дэ зедгъэсэнущ:
• тхыдэ хъыбарым иIэ гъэпсыкIэ щхьэхуэр къэтхутэфу.

Тест лэжьыгъэхэр

«Хэт мысэр?»

Мурадыр:
• Жэбагъы и жыIэгъуэхэм я мыхьэнэ нэхъыщхьэхэр къэхутэн.
Къалэнхэр:
• хъыбарым къеджэн;
• хъыбарым и гупсысэ нэхъыщхьэм щыгъуазэ хуэщIын;
• Жэбагъы и IуэхущIафэхэр зэпкърыхын.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• Жэбагъы пэжым, захуагъэм и телъхьэу зэрыщытым;
• Жэбагъы бзэ шэрыуэ зэрыIурылъым.
Дэ къэтщIэнущ:
• мысэр игъэхейуэ, хейр игъэмысэу унафэ зыщIа Уэрий Жэбагъы зэрыпэувыр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• Жэбагъы и щапхъэм, и жыIэгъуэхэм дытету пэжымрэ пцIымрэ зэхэдгъэкIыфу.

Тест лэжьыгъэхэр

Начните вводить текст и нажмите Enter для поиска