ДЫКЪЭЗЫУХЪУРЕИХЬ ДУНЕЙР

Ди щIыпIэм и дахагъым, абы и къэкIыгъэхэм, и псэущхьэхэм теухуа усэ, рассказ купщIафIэхэр, гъэсэныгъэ, ущииныгъэ мыхьэнэ зыщIэлъхэр щызэхуэхьэса Iыхьэ

Къэрмокъуэ Мухьэмэд. «Парий»

Мурадыр:
• Къэрмокъуэ Мухьэмэд и рассказ «Парий» жыхуиIэм и гупсысэ нэхъыщхьэр къэхутэныр.
Къалэнхэр:
• рассказым къеджэныр;
• псэущхьэмрэ цIыхумрэ яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм, пэжыгъэм иIэ мыхьэнэр къагурыгъэIуэныр;
• зауэ зэманым хьэхэм зэрахьа лIыгъэм щыгъэгъуэзэныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
•Жамбот Парий къызэрыригъэла щIыкIэм;
Дэ къэтщIэнущ:
• Парий Жамбот дауэ дэIэпыкъуауэ щытами;
•Жамботи Парии лIыгъэ зэрызэрахьар.
Дэ зедгъэсэнущ:
• Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ къэхъуам рассказым пэгъунэгъуу дытепсэлъыхьыжыфу.

Тест лэжьыгъэ

Тхьэмокъуэ Барэсбий. «Лъэбыцэ»

Мурадыр:
• мыщэ шыр цIыкIур зеиншэу къанэу мыщэ анэр зэраукIар зэрыгущIэгъуншагъэр къагурыгъэIуэныр;
• мэз псэущхьэхэм я псэукIам щыгъэгъуэзэныр.
Къалэнхэр:
• рассказым къеджэн;
• «Лъэбыцэ» рассказым хэт лIыхъужьхэм нэIуасэ яхуэщIыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• цIыхумрэ псэущхьэмрэ я зэхущытыкIэм;
• тхакIуэм рассказыр щIэщыгъуэ зэрищIа художественно-изобразительнэ Iэмалхэм.
Дэ къэтщIэнущ:
•мыщэ шырыр Хьэмидхэ я пщIантIэм къызэрыдэхутар;
• Хьэмид Лъэбыцэ дауэ кIэлъыплъами.
Дэ зедгъэсэнущ:
• лIыхъужьхэм я IуэхущIафэхэмкIэ гущIэгъу яхэлърэ яхэмылърэ къэтщIэфу;
• тхакIуэр и лIыхъужьхэм зэрыхущытыр рассказым къыхэдгъуэтэфу.

Тест лэжьыгъэхэр

Хьэх Сафарбий. «Мэзым»

Мурадыр:
• мэзым и сэбэпыр, хьэуар зэригъэкъабзэр сабийхэм къагурыгъэIуэныр.
Къалэнхэр:
• рассказым къеджэн;
• пейзажым тхыгъэм щигъэзащIэ мыхьэнэр убзыхуныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• жыгитIым я теплъэм;
•жыгитIыр жьапщэм зэрыпэщIэтам.
Дэ къэтщIэнущ:
• дунейм и къэхъукъащIэр къэкIыгъэхэм дежкIэ зэрызэраныр;
• жыгыжьыр имыгъэукIурийуэ абы дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуар.
Дэ зедгъэсэнущ:
• тхакIуэм и псалъэхэмкIэ, къигъэсэбэп художественно-изобразительнэ IэмалхэмкIэ зытепсэлъыхь теплъэгъуэхэр ди нэгу къыщIэдгъэувэфу.

Тест лэжьыгъэ

Хьэх Сэфарбий. «ЖыгитI»

Мурадыр:
• рассказыр зытеухуа жыгитIыр зэрагъэпщэфу егъэсэныр.
Къалэнхэр:
• рассказым къеджэн;
• тхакIуэм жыгитIыр щIызэрилъытыр къагурыгъэIуэныр;
• къэкIыгъэхэм я мыхьэнэр зыхегъэщIэныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• рассказым и гупсысэ нэхъыщхьэм;
Дэ къэтщIэнущ:
• пхъэщхьэмыщхьэ жыгым и теплъэр зыхуэдэр;
• зыри къызыпымыкIэ жыгым и теплъэр зыхуэдэр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыгыр нэгъуэщI гъащIэ зэрыхуэмейр зыхэтщIыфу.

Тест лэжьыгъэ

Гъубжокъуэ Лиуан. «Къуршхэр плъырщ»

Мурадыр:
• усэм и щытыкIэ нэхъыщхьэхэр къэпщытэжыныр.
Къалэнхэр:
• усэм къеджэн;
• усакIуэм къуршхэр зригъэщхьхэр къагурыгъэIуэныр;
• къуршхэм псэ яIутым ещхьу усакIуэм къызэригъэлъагъуэр еджакIуэхэм зыхегъэщIэныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• Кавказ къуршхэр лъахэм и хъумакIуэу зэрыщытым;
• усакIуэм къуршхэм кърат гукъыдэжыр зыхуэдэм.
Дэ къэтщIэнущ:
• къуршхэм я нэгум куэд зэрыщIэкIар;
• усэр гурыхь зыщI псалъэхэр, псалъэ зэпхахэр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• усэбзэр шэрыуэ, щIэщыгъуэ зыщI художественно-изобразительнэ Iэмалхэр къыхэдгъуэтэфу.

Тест лэжьыгъэхэр

Гъубжокъуэ Лиуан. «ГъуэгущхьэIу жыг»

Мурадыр:
• дыкъэзыухъуреихь дунейм, лъахэм теухуа усэхэр усакIуэм гукъинэ зэрищI Iэмалхэр къэхутэныр.
Къалэнхэр:
• усэм къеджэныр;
• усэр зытеухуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр наIуэ къэщIыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• къурш гъуэгущхьэIум къыщыкIа жыгымрэ усакIуэмрэ я зэпсэлъэныгъэм.
Дэ къэтщIэнущ:
• гъуэгущхьэIу жыгым удын куэд къызэрылъысыр;
• пхъэщхьэмыщхьэ жыгыр «зыгъэтхьэусыхэ»Iуэхугъуэхэр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• усэм хэт псалъэхэр, псалъэ зэпхахэр къэдгъэсэбэурэ гъуэгущхьэIу жыгым и теплъэр ди нэгу къыщIэдгъэувэфу.

Тест лэжьыгъэ

Начните вводить текст и нажмите Enter для поиска