АДЫГЭ ЛИТЕРАТУРЭР 1920–1940 ГЪЭХЭМ

Адыгэ литературэм зэфIэувэн щыщIидза лъэхъэнэм ди тхакIуэ-усакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэр джыным хухэха Iыхьэ

ЩоджэнцIыкIу Алий. «Хьэжыгъэ пут закъуэ»

Мурадыр:
• рассказым хэлъ художественнэ хьэлэмэтагъыр къэхутэныр.
Къалэнхэр:
• рассказым къеджэн;
• лIыхъужьхэм щыщу дэтхэнэми рассказым щигъэзащIэ къалэныр убзыхуныр;
• пщымрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ я зэхущытыкIэм тепсэлъыхьыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
•ЩоджэнцIыкIу Алий рассказ жанрым зэрызригъэужьам;
• лIыхъужьхэм я бзэм иIэ щхьэхуэныгъэхэм.
Дэ къэтщIэнущ:
• лIыхъужьхэм я псэлъэкIэм, гупсысыкIэм елъытауэ я хьэл-щэнхэр зыхуэдэр;
• лIыхъужьхэм я бзэр щIэщыгъуэ зыщI Iэмалхэр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• тхакIуэм езым рассказым къыщиIэта Iуэхугъуэ нэхъыщхьэм хуиIэ еплъыкIэр къэтхутэфу;
• тхакIуэм къигъэсэбэпа художественно-изобразительнэ Iэмалхэр къэдгъуэтыфу.

«Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказым адыгэ артистыр къоджэ

Тест лэжьыгъэхэр

ЩоджэнцIыкIу Алий. «ЩIымахуэ жэщ»

Мурадыр:
• зэман гущIэгъуншэр поэмэм къызэрыхэщыр къагурыгъэIуэныр.
Къалэнхэр:
• поэмэм къеджэныр;
• поэмэм усакIуэм щIилъхьа гупсысэ нэхъыщхьэр къэхутэныр;
•усакIуэр и лIыхъужьхэм зэрахущытыр наIуэ къэщIыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• поэмэм и щытыкIэ нэхъыщхьэхэу «ЩIымахуэ жэщ» жыхуиIэм къыхэщхэм;
• усэмрэ поэмэмрэ зэрызэщхьэщыкI Iуэхугъуэхэм.
Дэ къэтщIэнущ:
• усэм къыщхьэщыкIыу поэмэ жанрым зэпкърыхыкIэ щхьэхуэ зэриIэр;
• поэмэм сюжет убзыхуа иIэу зэрыщытыр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• дыкъэзыухъуреихь дунейм и къэхъукъащIэхэм цIыху гъащIэм мыхьэнэ щагъэзащIэр къэтхутэфу;
• художественно-изобразительнэ Iэмалхэм тхыгъэхэр нэхъ гукъинэж ящIу абы щекIуэкI Iуэхугъуэхэр къызэрагъэлъагъуэр къэтхутэфу.

«Текi бжэщхьэiум» жыхуиiэм артистыр къоджэ.

Тест лэжьыгъэхэр

Дыгъужь Къурмэн. «Мырсыт»

Мурадыр:
• рассказым къыщыIуэтэжа лъэхъэнэр къэхутэныр.
Къалэнхэр:
• рассказым къеджэныр;
• «Мырсыт» рассказыр зытеухуамрэ абы къиIуатэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ къэхутэныр;
• хьэмрэ щIалэ цIыкIумрэ яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр къызыхэкIар еджакIуэхэм ягурыгъэIуэныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• шэрджэс тхакIуэхэм я тхыгъэ нэхъыфIхэм;
• хьэхэр мэл гъэхъунымкIэ дэIэпыкъуэгъуфIу зэрыщытым.
Дэ къэтщIэнущ:
• къущхьэхъу щIыналъэм Iэщ щыгъэхъуныр къалэн мытыншу зэрыщытыр;
• зэман хьэлъэм гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм еджакIуэхэр дэIэпыкъуэгъу зэрыхъур.
Дэ зедгъэсэнущ:
• къущхьэхъу щIыналъэм и жэщ-махуэ хьэлэмэтхэм я дахагъыр художественнэ IэмалхэмкIэ къэтхутэфу;
• Фатихь нэхъыжьхэм я пщэ къыдалъхьа къалэныр зэригъэзэщIэфам дэри щапхъэ тетхыфу.

Тест лэжьыгъэ

Начните вводить текст и нажмите Enter для поиска