ТХЫГЪЭ ЩХЬЭХУЭХЭР. ЛИТЕРАТУРОВЕДЧЕСКЭ ПСАЛЪАЛЪЭ. ГЪЭМАХУЭМ ФЫЗЭДЖЭНУХЭР
Мы Iыхьэм щызэхуэхьэсащ ди адыгэ тхакIуэ-усакIуэхэм я тхыгъэ купщIафIэхэр. Фызэджэнухэр зыщыщ жанрхэр къэфхутэ. а жанрхэм теухуауэ литературоведческэ псалъалъэм итхэм зыщывгъэгъуазэ. Гъэмахуэм фызэджэну тхылъхэмми нэIуасэ захуэфщI.
ХьэIупэ ДжэбрэIил. «Музыкэ»
Мурадыр:
• композиторым, усакIуэм и творчествэм щыгъуазэ хуэщIыныр;
• усакIуэм музыкэм хуиIэ щытыкIэр здынэсыр къэхутэныр.
Къалэнхэр:
• усэм къеджэныр;
• усэр зытеухуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр наIуэ къэщIыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• музыкэм хэлъ къару щэхухэр усакIуэм къызэригъэлъэгъуам.
Дэ къэтщIэнущ:
• усакIуэм музыкэр зригъэщхь Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр;
• музыкэм хэлъ къару щэхухэм я мыхьэнэр здынэсыр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• усакIуэм и псалъэ щIэщыгъуэхэмкIэ музыкэм и къару щэджащэр ди нэгу къыщIэдгъэхьэфу.
Тест лэжьыгъэхэр
ХьэIупэ ДжэбрэIил. «Сыздэшэжи къуажэм ущехыжкIэ…»
Мурадыр:
• усакIуэм и творчествэр джыным пегъэщэныр;
• усэхэм зэщхьу хэлъымрэ щызэтемыхуэ Iуэхугъуэхэмрэ зэлъытыныр.
Къалэнхэр:
• усэм къеджэныр;
• усэр зытеухуа адэжь лъапсэм усакIуэм хуиIэ щытыкIэр наIуэ къэщIыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• усэм лъабжьэ хуэхъуауэ усакIуэм игури и псэри зыкIэрыпщIа хьэпшыпхэм.
Дэ къэтщIэнущ:
• усакIуэр нэщхъеи нэщхъыфIи зыщI щхьэусыгъуэхэр;
Дэ зедгъэсэнущ:
• хэкум, адэжь лъапсэм и символу усэм хэтхэр къэдгъуэтыфу.
Тест лэжьыгъэхэр
КхъуэIуфэ Хьэчим. «Къанкъуэщыр уафэм хуэзыша дэкIуеипIэхэр»
Мурадыр:
• тхакIуэм и творчествэр гупсэхуу джыныр;
• очеркыр литературэм и адрей жанрхэм зэремыщхьыр къэхутэныр.
Къалэнхэр:
• очеркым къеджэныр;
• очеркыр зытеухуа кхъухьлъатэзехуэ адыгэ щIалэ Къанкъуэщ Ахьмэд-Хъан и хъуэпсапIэм хуэзыша гъуэгухэр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• кхъухьлъатэзехуэм и сабиигъуэр къызэрекIуэкIам;
• Къанкъуэщыр кхъухьлъатэзехуэ зэрыхъуам.
Дэ къэтщIэнущ:
• Ахьмэд-Хъан и адэ ТIалэ и гупсысэхэр;
• Ахьмэд-Хъан гъуэщIгъуэгу лэжьакIуэ щIэмыхъуа щхьэусыгъуэхэр;
Тест лэжьыгъэхэр
Жылэтеж Сэлэдин. «КIыгуугу лъэпкъым я кIуэдыжыкIар»
Мурадыр:
• тхакIуэм и литературнэ лэжьыгъэхэм щыгъуазэ зыхуэщIыныр;
• кIыгуугу лъэпкъыр щIэкIуэдыжам и щхьэусыгъуэр.
Къалэнхэр:
• рассказым къеджэныр;
• кIыгуугухэм къащыщIар цIыхухэми къащыщIынкIэ хъунущи, Апхуэдэ къэмыхъун папщIэ Iэмалхэр къэхутэныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• кIыгуугубзэкIэ псалъэхэм я бжыгъэр мащIэ зэрыхъуам тегузэвыхьын щIыхуейр;
• кIыгуугу лъэпкъым я щхьэ кърикIуа насыпыншагъэм.
Дэ къэтщIэнущ:
• попугайхэм я Iуэху еплъыкIэр;
• кIыгуугухэм яхэлъ хьэл мыгъуэр зыхуэдэр.
Тест лэжьыгъэхэр
АбытIэ Хъызыр. «Бгы абрагъуэмрэ джэдыкIэ цIыкIумрэ»
Мурадыр:
• тхакIуэм и тхыгъэр щIэщыгъуэ зыщI Iэмалхэр къэхутэныр;
• бгы абрагъуэм джэдыкIэ цIыкIур тегушхуэгъуафIэ щIищIар.
Къалэныр:
• усэр зытеухуа гупсысэ нэхъыщхьэр къэхутэныр.
Дэ къэтщIэнущ:
• усэм хэт псысэ нэщэнэр;
• бгышхуэм къыщыщIар.
Тест лэжьыгъэхэр