ХЭКУ ЗАУЭШХУЭ НЭУЖЬ ЛИТЕРАТУРЭ

Хэку зауэшхуэ нэужь лъэхъэнэм ди тхакIуэ-усакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа рассказхэм, усэхэм хухэха Iыхьэ

КIыщокъуэ Алим. «Гъуэгу къежьапIэ»

Мурадыр:
• «Гъуэгу къежьапIэ» усэм и гупсысэ нэхъыщхьэр зэпкърыхыныр.
Къалэнхэр:
• усэм къеджэн;
• андэлъхубзэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къагурыгъэIуэныр;
• усакIуэр и анэдэлъхубзэм зэрыхущытыр зыхегъэщIэныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• адыгэбзэм и зэфIэкIхэр здынэсым;
• и анэм и бзэр и гъуэгу къежьапIэу зэрыщытым.
Дэ къэтщIэнущ:
• анэдэлъхубзэ псалъэм и мыхьэнэр зыхуэдизыр;
• адыгэбзэм и зэфIэкIхэр жыжьэ зэрынэсыр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• усэбзэр шэрыуэ зыщI художественно-изобразительнэ Iэмалхэр усэ къыхэдгъуэтэфу.

Тест лэжьыгъэхэр

КIыщокъуэ Алим. «Поэзие»

Мурадыр:
• «Поэзие» псалъэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къэпщытэжыныр.
Къалэнхэр:
• усэм къеджэн;
• усакIуэм поэзиер зригъэщхь къэхъугъэхэр къагурыгъэIуэныр;
• усэм и мыхьэнэр зыхуэдэр еджакIуэхэм зыхегъэщIэныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• «Поэзие» усэм и гупсысэ нэхъыщхьэм;
• усыгъэм усакIуэм кърит гукъыдэжыр зыхуэдэм.
Дэ къэтщIэнущ:
• усакIуэм и гъащIэ гъуэгуанэм поэзием хухих пщалъэр зыхуэдизыр;
• усэ тхыныр гурыщIэм зэрелъытар, ар къэзыгъэщI гукъыдэжыр зыхуэдэр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• гуфIэгъуэкIэ, дэрэжэгъуэкIэ гъэнщIа усэ сатырхэр гуми псэми къызэритэджыкIыр зыхэтщIэфу.

КIыщокъуэ Алим. «Пасэрей хабзэ»

Мурадыр:
• пасэм щыгъуэ ди лъэпкъым сыт хуэдэ хабзэхэр къыдекIуэкIыу щыта? УпщIэм и жэуапыр убгъуауэ зэпкърыхыныр.
Къалэнхэр:
• усэм къеджэн;
• адыгэ хабзэм и мыхьэнэр къагурыгъэIуэныр;
• къамыгупсысауэ, атIэ гъащIэм къыхэкIауэ адыгэ хабзэр зэрыщытыр наIуэ ящыщIыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• хабзэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэхэм;
• усэм къыхэщ хабзэхэм.
Дэ къэтщIэнущ:
• адыгэ хабзэр илъэсищэ бжыгъэ куэдкIэ лъэпкъым къигъэщIауэ зэрыщытыр;
• «Гъуэгу утетыным» псалъэ зэпыщIахэм усакIуэм къригъэкIыр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр длэжьми, хабзэ, нэмыс тхэлъу.

Тест лэжьыгъэхэр

Къагъырмэс Борис. «ЗауэлIым и псылъэ»

Мурадыр:
• Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я пщIэр мыгъэкIуэдын зэрыхуейр ягурыгъэIуэныр.
Къалэнхэр:
• усэм къеджэн;
• текIуэныгъэм папщIэ зи гъащIэр зытахэм я фэеплъ нэхур хъумэн зэрыхуейр яжеIэн;
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• псылъэр зея зауэлIым лIыгъэ зэрихьар зыхуэдэм;
• зауэлIым къимыкIуэту и хэкур зэрихъумэжам.
Дэ къэтщIэнущ:
• псылъэр зея зауэлIыр зэраукIам усакIуэм и гур зэрыхигъэщIыр;
• псы итар ирифыну хунэмысу ар зея зауэлIыр зэрыхэкIуэдар.
Дэ зедгъэсэнущ:
• хэкум папщIэ, текIуэныгъэм папщIэ зи псэр зытахэм я щIыхьыр тхъумэу.

Сурэтым ит сэлэт псылъэмкIэ тхыгъэ мыин зэхэлъхьэн.

Тест лэжьыгъэ

IутIыж Борис. «Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ»

Мурадыр:
• зауэ нэужь зэманыр хьэлъэу зэрыщытар сабийхэм къагурыгъэIуэныр;
• къуажэдэсхэм я псэукIам щыгъэгъуэзэныр.
Къалэнхэр:
• рассказым къеджэн;
• лIыхъужьхэм тхыгъэм щагъэзащIэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр къэхутэныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• сабийхэмрэ адэ-анэхэмрэ я зэхущытыкIэм;
• тхакIуэм рассказыр щIэщыгъуэ зэрищIа художественнэ Iэмалхэм.
Дэ къэтщIэнущ:
• Хэку зауэшхуэ нэужьым зэманыр хьэлъэу зэрыщытар;
• сабийхэр адэ-анэхэм дауэ дэIэпыкъуу щытами.
Дэ зедгъэсэнущ:
• лIыхъужьхэм я IуэхущIафэхэмкIэ ахэр зыхуэдэр къатщIэу;
• тхакIуэр и лIыхъужьхэм зэрыхущытыр рассказым къыхэдгъуэтэфу.

Тест лэжьыгъэхэр

Сонэ Абдулчэрим. «Шагъдий»

Мурадыр:
• тхыдэм, лъахэм, лъэпкъым теухуа усэхэр Сонэ Абдулчэрим гукъинэ зэрищI Iэмалхэр къэхутэныр.
Къалэнхэр:
• усэм къеджэныр;
• усэр зытеухуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр наIуэ къэщIыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• адыгэшыр лъэпкъ дамыгъэу усэм къызэрыхэщым.
Дэ къэтщIэнущ:
• усакIуэр адыгэшым зэрыригушхуэр;
• лъэпкъымрэ адыгэшымрэ зэпызыщIэ Iуэхугъуэхэр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• адыгэлIымрэ адыгэшымрэ яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр усэм къыщыдгъуэтыфу;
• усэм хэт псалъэхэр, псалъэ зэпхахэр къэдгъэсэбэурэ теплъэгъуэхэр ди нэгу къыщIэдгъэувэфу.

Тест лэжьыгъэ

Сонэ Абдулчэрим. «Налшык парк»

Мурадыр:
• Налшык къалэ дэт паркым и дахагъыр усэм хэт псалъэхэмкIэ къэдгъэлъэгъуэныр;
• дыкъэзыухъуреихь дунейм пщIэ хуэтщIыфу зедгъэсэныр.
Къалэнхэр:
• усэм къеджэныр;
• паркым иIэ сэбэпынагъыр къэхутэныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• къалэ паркым и теплъэм;
• усакIуэр дэзыхьэхынкIэ хъуну паркым щыIэхэм.
Дэ къэтщIэнущ:
• паркым хьэуа къабзэ къыпкърыкIыр зэрыкъулеигъэр;
• сыт хуэдэ жыгхэм паркым ущрихьэлIэнуми.
Дэ зедгъэсэнущ:
• усакIуэм и бзэр щIэщыгъуэ зыщI псалъэхэр усэм къыхэдгъуэтэфу.

Тест лэжьыгъэхэр

Хэку зауэшхуэ нэужь лъэхъэнэм ди тхакIуэ-усакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа рассказхэм, усэхэм хухэха Iыхьэ

Начните вводить текст и нажмите Enter для поиска