УРЫСЕЙМ ЩЫПСЭУ ЛЪЭПКЪХЭМ Я ЛИТЕРАТУРЭ
ЕджакIуэхэм мы Iыхьэм щыгъуазэ зыщыхуащIынущ ди лъэпкъ литературэр къулей зыщI зэдзэкIыгъэ тхыгъэхэм.
Ацкъан Руслан. «Мцыри»
Мурадыр:
• хамэбзэкIэ (урысыбзэкIэ) тха художественнэ тхыгъэхэр зэдзэкIынымкIэ Ацкъан Руслан иIэ зэфIэкIхэр къэхутэныр;
• «Мцыри» поэмэр зэрызэдзэкIам и бзэм кIэлъыплъыныр.
Къалэнхэр:
• поэмэм къеджэныр;
• абы и гупсысэ нэхъыщхьэр наIуэ къэщIыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• адыгэбзэкIэ зэдзэкIа поэмэм ди литературэм дежкIэ мыхьэнэуэ иIэр зыхуэдизым.
Дэ къэтщIэнущ:
• щIалэ цIыкIур къулъшырыфым къызэрыщыхута щIыкIэр;
• абы и гур, и псэр зыхуэпабгъэ Iуэхугъуэхэр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• адыгэбзэкIэ зэдзэкIа художественнэ тхыгъэхэм фIагъыу хэлъыр къэтхутэфу;
• Лермонтов Михаилрэ Ацкъан Русланрэ я художественнэ бзэр зэдгъэпщэфу.
Тест лэжьыгъэхэр
Кулиев Къайсын. «Анэ»
Мурадыр:
• балъкъэр усакIуэм и творчествэм щыгъуазэ хуэщIыныр.
Къалэнхэр:
• усэм къеджэныр;
• усэр зытеухуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр наIуэ къэщIыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• анэм и образыр усакIуэм къызэригъэлъэгъуам.
Дэ къэтщIэнущ:
• усакIуэр и анэм и теплъэм, хэлъ хьэл-щэнхэм папщIэ псалъэ щIэщыгъуэхэр къызэригъэсэбэпыр;
• усакIуэм анэм и теплъэр апхуэдизрэ и нэгу къыщIыщIигъэхьэ щхьэусыгъуэхэр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• Кулиев Къайсын и анэм хужиIауэ усэм хэт зэгъэпщэныгъэ щIэщыгъуэхэр къыщыдгъуэтыфу.
Тест лэжьыгъэхэр